Template:Merge

ИсраилАзием и ипшъэ-къуэхьапӀэм хэт къэралыгъу. Къэлэ шъхьаIэр – Ерусэлэм.

Хэкумэтхыр

хэӀэзыхь

Исраелыр Азием и ипшъэ-къуэхьэпӀэ лъэныкъуэм хэт, Хыгурытым и къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэ Ӏуфэм, ипшъэмкӀэ Хыплъыжьым. Къэралым и гъунапкъэхэр здырикӀуэмрэ здыӀухьэхэмрэ: ишъхъэрэмкӀэ – Ливаным, ишъхъэрэ-къуэкӀыпӀэмкӀэ – Сирием, къуэкӀыпӀэмкӀэ – Иорданиемрэ, КъуэхьэпӀэ Иорданым, ипшъэ-къуэхьэпӀэм – Мысырымрэ Газэм и лъэныкъом.

Къэралыр мы ин шъхьэкӀэ и шӀыпӀэхэр куэду зэшъхьэщокӀхэ.

Нэхъыбэр къушъхьэхэм яубыд: Галилеэм и бгыхэр, Кармэл бгым, Голан Ӏуашъхьэхэм джоуэ. КъуэкӀыпӀэ лъэныкъуэм Йордан къуэладжэр хэт. Абыхэм пэмыкӀыу къэралым хэтхэр (псоуэ иэ лъэныкъуэкӀэ): Арава пшахъуалъэ, Хы ЛӀа, Мехтеш Рамон, Негев бгыхэр, Йудей пшахъуалъэ.

Къэралым и псы нэхъ иныр Йордан, Кишон, Эскиндар, Ярконом – мы псыплӀыра къэралым иӀэр гъэмахуэм имыгъушъыкӀху. Псыхъурей Кинеретыр къэралым и нэхъ ин, псынэпс иту, и инагъыр 166 км².

Къэралым и хьэйуар субтропик хы курытым щыщу щыт. Мэкъуэуэгъуэм и температурэ курытыр — +24 °C щыкӀэдзауэ +32 °C носыр, шӀычылэм +6 °C щыкӀэдзауэ +20 °C нэс.

Тхыдэр

хэӀэзыхь

Япэрей джурт лъэпкъ пэсырейхэр Исраэлым щихьахэр 1200 гъэм ди лъэхъэнэхэм и пэм, а зэманыгъуэм щыщ Исраел шӀыпӀэм хэту къагъуэта 250 джурт хьэблэжъхэр[1]. А зэманыгъуэм яужкӀэ хэкум филистейхэр йохьэ. Пэштыхьей ӀэнатӀэ зэфӀоувэр япэреуэ Исраил Пачъыхьыгъо, яужымкӀэ Яуда пэштыхьей абыхэм я зэмэныгъуэр щытехуэр XI-X ди лъэхъэгэхэм я пэм.

VIII ди лъэхъэнэхэм япэм щыкӀэдзауэ ди лъэхъэнэм нэс шӀыпӀэр къэрал зэщымыщхэм я ӀэнатӀэм кӀэхьурэ хъур Ӏэшурейм, Бабилонейм, Ахеменидхэм, Македониэм.

152 гъэм ди лъэхъэнэм ипэм щыкӀэдзауэ 37 гъэм нэс ди лъэхъэнэм ипэм Яудейм джурт лъэпкъ Хасмонехэр ӀэнатӀэм тохьэхэ.

63 гъэм ди лъэхъэнэм ипэм щыкӀэдзауэ Яудейм и шӀыпӀэм Урымым и ӀэнатӀэр лъэш мэхъур хом-хомурэ къэралыр иубыду. Бар Кохба джылэ зыкъэӀэтыгъуэ иригъэкӀуэкӀын игугъа яуж 135 гъэм, урым ӀэнатӀэр къэралым ирагъэкӀыным шъхьэкӀэ джурт лъэпкъым я Ӏохур хэкум зэӀыхьа, Урымхэм цӀыху бгъыгъэ хэкум ирахуахэ, тхыдэм къыхэмнэным шъхьэкӀэ а хэкум джуртхэр исауэ. Лъэпкъым я нэхъыбэр Галилейм икӀахэ.

614 гъэм Палестинэр Къажэрым щыщ Сасанидхэм яубыд, джуртхэм я дэӀэпыкъуэгъукӀэ Ерусэлэмыр яубыдыр. Къажэрхэм къалэр джуртхэм иратыр. Ауэ, Ерусэлэмым джуртхэм я ӀэнатӀэр куэдрэ шъхьэщытакъым, илъэсищ къуэдей.

Византиэр Къажэрым текӀуа яуж Палестинэр аргуэру урымхэм яхокӀуэ 629 гъэм, илъэскӀэ джурт лъэпкъыр яукӀыурэ хэкум ирахухэр.

636 гъэм хьэрып лъэпкъэм я лъэшыгъуэ кӀэдзэгъуэм Палестинэр мыслымэнхэм трахыр урым Византиэм.

Лъэхъэних яужкӀэ къакӀуэхэм хэкур хьэрып лъэпкъхэмрэ джорызэмрэ я зэпэубыдыгъуэхэм хэт.

1099 гъэм джорызэм Ерусэлэм пэштыхьей ешъыр, ауэ, 1187 гъэм Сэладиным Ерусэлэмыр еубыдыр, 1291 гъэм джорыдзэм я яужырей быдапӀэ Акрари хьэрыпхэм яхокӀуэ.

1260–1516 гъэм Палестинэр мамлыкӀухэм я ӀэнатӀэм кӀэт.

1517 гъэм Исраэлым и шӀыпӀэр Уэсмэнейм хокӀуэ, сулътӀан Селим I-м еубыд. Илъэс 400-кӀэ хэкур Уэсмэнейм и ӀэнатӀэм кӀэта.

1920 гъэм Лъэпкъхэм я лигэ мандатымкӀэ КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъум и лъэныкъуэ Уэсмен империэм хэтар Британиэшхуэм и ӀэнатӀэм кӀохьэ, зэманыгъу зэрекӀуэкӀар 1948 накъыгъэм и 15-м нэс. Мандатым мыхьэну зэрихьатэр а шӀыпӀэм джурт лъэпкъым шъхьэкӀэ къэрал къыхагъэкӀынуTemplate:Section no

Джылэр

хэӀэзыхь

Исраилым и Нэхъышъхьэ лэжьыгъэм статистикэм теухуауэ къызэриӀохумкӀэ, 2010 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м къэралым джылу дэсар (хэкухэс лэжьэну къэкӀуахэр хэмыту) зэрыхъур 7, 695 млн цӀыху. Абыхэм: джуртхэр – 5,802 млн (75,4%), арапхэр – 1,573 млн (20,5 % (ахэм хиубыдэр арап быслъымэнхэр – палестинхэр, бедуинхэр, арап чыристэнхэр), лъэпкъ мы ину я бжыгъэр хъууэ дэсхэр – 320 мин цӀыху (4,2% (адыгэхэр, друзхэр, ермэлхэр)[2].

Экономикэр

хэӀэзыхь

Исраэлым и экономикэм дунем ВКӀуП-ымкӀэ 52-нэрей пӀэр еӀыгъ. Ипшъэ-КъуэхьэпӀэ Азиэм хэт къэралхэм япэрейхэм ящыщ экономикэмрэ индустриэмрэкӀэ и зэфӀэтыкӀэр. Къэралым щэхуэгъуэкӀэ экономикэр лъэшу зэфӀэт, кэралыгъуэ ӀэнатӀэри абым хэту.

Къэралым импорт куэд йохьэ: фатэгын, хьэцэпэцэхэр, дзэм шъхьэкӀэ Ӏэшэхэр. Исраэлым и шӀыпӀэр бэуэ щымыт шъхьэкӀэ къэралым фӀыуэ зыкъиӀэта къыдэгъэкӀыгъуэ лэжьыгъэхэмрэ аграриэмкӀэ, хьэцэпэцэхэр къэралым ирачэ шъхьэкӀэ пэмыкӀ аграрий лэжьыгъу езы къэралым и шӀыпӀэм къыхахыр.

Налмэс гъэлыдахэр, текнологиэшхуэ Ӏэмэпсымэхэр, аграрий лэжьыгъэхэр къэрал дэгъэкӀ щэныгъэм и нэхъыбу хъура.

Къэрал буджетым дефицитышхуэ иӀэ нэхъыбэм, ар трансфер инхэмкӀэ зэхуашъыр пэмыкӀ къэралхэм къахэкӀхэм. Исраэлым къэрал хамэхэм шӀыхуэ телъхэм я ныкъуэ хуэдизыр АШЗ-м ей. Абым пэмыкӀыу Штат Зэгуэтхэр япэреуэ щытхэ экономикэмрэ дзэмрэ Исраэлым дэӀэпыкъур.

Администрацие гощыгъор

хэӀэзыхь

Исраэл къэралыр администрациэ куей хыкӀэ мэгуэчыр, зэреджэхэр «мехозот» (джуртыбзэгьэמחוזות).

Езы куейхэр куейкуэрыт 50-кӀэ мэгуэчыжьхэ, я цӀэр «нафот» (джуртыбзэгьэנפות), езыхэри яужкӀэ 15-нэ куейкӀэ мэгуэчыжьхэ.

КуейКъалэ нэхъышъхьэр
1ИшъхъэрейНацерэт
2Хьайфэ куейХьайфэ
3КурытРамле
4Тел Авив куейТел Авив
5Ерусэлэм куейЕрусэлэм
6ИпшъэрейБеӀэр Шева
Убыда шӀыпӀэхэр
А
Гьолан Ӏуашъхьэхэр
В
КъуэхьэпӀэ Йордан
С
Газа и лъэныкъуэ

Къэрал зэхэтыкӀэр

хэӀэзыхь

Исраэлыр парламент республику щыт.

Къэралым и тхьэмадэр президент, хэзыхыр Кнессэт, хэхыгъуэр шъэху йокӀуэкӀ, зэрхахыр илъэсибл. Иджырей къэралым и хабзэмкӀэ президентым ӀэнатӀэ иӀэкъым, къэралым и напашъхьу щыт къуэдей, дунем и цӀэкӀэ къэпсалъу. Президентым и ӀэнатӀэкӀэ ишъэ къуэдер ӀэнатӀэгъу зэхуэсым хэтхэр къилъытэнымрэ (ахэр къимылъытауэ щытмэ ӀэнатӀэгъу зэхуэсым хэтхэм я ӀэнатӀэпӀашъхьэхэр яхъуэжь) хьэпсэрысхэр хуит ишъынымрэ (Исраэлым и цӀыху хъуар, зэгуэрэм хьэпсэм ихуар, президентым хуит ишъыным елъэӀун пӀалъэ иӀэ).

ХабзэдэгъэкӀыу ӀэнатӀэ нэхъышъхьэр къэралым Кнессэт – зылъэныкъуэ парламент, тхьэмадэ 120 хэту. Тхьэмадэхэр партиэ тхылъхэмкӀэ хахыр.

Хабзэ гъэзанкӀэ ӀэнатӀэпашъхьэр – ӀэнатӀэгъу зэхуэс, шъхьэщытыр абым и тхьэмадэр.

Исраэл къэралым Конституциэ иӀэкъым. Абым ипӀэкӀэ щыӀэр «япэрей хабзэхэр», зыпылъыр къэрал зэхэтыкӀэмрэ, джылэм я пӀалъэмрэ хуитыныгъэмрэ.

Исраэлым адыгэу исхэр

хэӀэзыхь

Исраэлым 4,000 адыгэу ис. КуэйитӀу дэт: Кфар Камэрэ Рихьаныерэ. Кфар Камэр шапсыгъэ чыл, Рихьаныер абдзахэ чыл.

Гулъытыгъуэ

хэӀэзыхь

ТехьэпӀэхэр

хэӀэзыхь
  1. Энциклопедиэ "Кругосвет" – Пэсырей Палестинэ. 2008
  2. title The population, by religion and population group Israel Central Bureau of Statistics(English)
🔥 Top keywords: НэкӀубгъо шъхьаӀВикипедие:Лъэпкъэгъу ӀухьапӀВикипедие:ФорумSpecial:RecentChangesSpecial:SearchВикипедия:Избранные статьиВикипедиеВикипедие:ПесочницаSpecial:MyTalkСомалиTemplate:Cite webCategory:!Main categoryВикипедие:PotdХьылъэIэтКитайПчыхьэTemplate:Шъукъеблагъ адыгэбзэ ВикипедиемЩтыгъэ ОкеанИсраилTemplate:ВикипедиехэрАустралиеУнэгъо кӀоцӀ хабзэхэрЕуропэПортал:ДинГуатемалэБразилиеУрысыеПортал:ГеографиеИслъамӀаткъуадж зауэНорвегиеКанадэИндиеИнджылызыбзэКъыблэ АмерикэАдыгэхэрTalk:НэкӀубгъо шъхьаӀАмерикэ Штат ЗэхэтхэрТарихъТыркуеСириеГерманиеАдыгэ НыпФранциеАдыгейПортал:АдыгейАргентинэУзбекистанЖирафГерманыбзэТунисТыркубзэВикипедие:ВандализмАмерикэМэхъошхэрТаджикистанНартхэрЧыристан динМамунЯпониеШвейцариеАдыгабзэЯндексТайландКъэрэщэе-Черкес РеспубликАбдзэхабзэКъэплъанУрысыбзэЛимаӀэспэрантоВикипедие:АдминистраторыМышъэМолдавиеВикипедие:ПорталхэрУрымхэрНалмэс (къэшъокӀо куп)Британиешхо ПачъыхьыгъоАхъщэ хэхЧэтыуИрландиеМексикэЛъэпэеуФинландВикипедие:Форум/АрхивИспаниеКушъэ орэдАбдзаххэрАскъэлай (Тыркуе)Вашингтон (къалэ)БжъэдыгъухэрНил (псыхъо)КъэбэртаехэрХъырцыеШапсыгъэхэрБелгиеАрапыбзэТыгъэПчэдыжьОнджэкъ